Djarez Club
885 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Пшынэ джэгу

Пасэм пщащэ гуэрым пшынэ еуэным гу хуищӏамэ, гулъытэ зиӏэ зы нэхъыжь нэрыбгэ цӏыкӏум пшынэкӏэ хуэупсэ хабзэт. "Djarez"-м ди Ӏуэхущӏэгъу, ди шыпхъу цӏыкӏу Къэзан Данэ шыкӏэпшынэ еуэным зыщрипщытым Еуаз Зубер делъэӏури, пхъэпшынэ къекӏу хуищIащ (куэду фӏыщӏэ пхудощӏ, Зубер, уи гуащӏэ и шхыгъуэ Тхьэм уригъахуэ). Пшынэр зыхуащӏам ӏэрыгъыхьэжын хуей щыхъум Сэралъпхэ я ӏарт унэм дыщызэхуэсри, зы пшынэ джэгуи етщӏэкӏыжащ (дяпэкӏи фӏыкӏэ дынеблэгъэн Тхьэм ищӏ, Ӏэлберт, Мэдинэ). Фи еплъ фӏы ухъу.

Нэтыныр тезыхар Гъурыжь Залымщ

#Djarez_TV
4👍3
2
Мэшых щIыхьэху, Мэкъуауэ щIыхьэху, Мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэхэр

Тыркум щыпсэу адыгэ тхакIуэ Тэгъулан Екъуб и тхылъ «Гъуазэрытхэм» къыхэтха пычыгъуэ, мэкъумэш Iухыжыным теухуауэ:

Лъостэн Рэджэб къеIуэтэж. Мэш еуэгъуэт, хэтыр хьэмым тету, хэтыр мэш еуэу губгъэм иту. Си адэм и анэшыр Дыджэшхэщ, ахэм ящыщу Дыджэш Балэ жари зылI дэст къуажэм. Балэ хъыджэбз и куэду, ауэ щIалэ имыIэу ахуэдэт, езыри лIыжьти, лэжьыгъэкIэ къуажэм тIэкIу къакIэрыхуат.

Зы махуэ гуэрэ апхуэдэу мэш еуэуэ губгъуэм иту, и благъэ щIалэхэри яхэту къуажэ щIалэхэм щыщ шу зытхух дыкIэлъыкIуащ дыдэIэпыкъуну. Мударей и фIыгъуэт а лъэхъэнэм, щIалэгъуалэ зэкIэлъыкIуэ якуэдт, абы щыгъуэ шыи щыIащ, лIыи щыIащ, уэрей, пшынэ макъыр зэхахамэ, бом щIэт шыхэм нэгъунэ я тхьэкIумэхэр зэблагъэкIтэмэ.

Мо щIалэ къомыр мэшым дыхэувэри шэджагъуэ хъуху фIыуэ хэдгъэщIащ Балэ и Iуэхум. Шэджагъуэм и гъунэгъу хъуауэ «дытIысынщи тIэкIу зыдгъэпсэхунщ» жытIэу абы дыхэту, Балэ и хъыджэбзхэри яхэту, къуажэм щыщ хъыджэбз зыхыбл нэкIуащ гъуэмылэ нытхуахьри. Хэмылъ укIуэдыж гъуэмылэм – хьэлыгъуанэ, гуэгуш гъэва, кхъуей плъыжь, псыхьэлывэ, дунейм тетыр нахьат.

Балэ и хъыджэбзхэм зыри пшынауэт, пшыни ныздахьат хъыджэбзхэм. Дешхэщ-дефэщ абими, зы IэнатIэ къэнат мэш еуэн хуейуэ, ари етхьэкIри, итIанэ джэгушхуэ къэдублащ. ИткъутыкIыу дыкъофэ. Ахуэдурэ дыгъэ къухьэгъуэ хъуауэ пшынэ макъыр зэхахри, ХьэпцIей щыщу Быхъунэ Хьэмыдрэ Сейхэ Наджийрэ шыкIэ ныIухьащ, «уэрей, мыхэр, тхьэм ещIэри, мударейхэрамэ, жытIэри, дыкъэкIуащ» жари. Ахэри къытхыхьэри, иужьым дыкъежьэжын щыхъум, «фынеблагъэ» жытIэри, «хъунщ» жари, хъыджэбзхэр зырызу къатщтэщ, дишхэм къытедгъэтIысхьэри дыкъежьэжащ.
Хъыджэбзыр шым щытебгъэтIысхьэкIэ, уанэгур абы ептынурэ уэ ипхэмкIэ укIэсынущ. Хъыджэбзым и лъакъуитIыр сэмэгумкIэ иригъэлэлэхынурэ и Iэ сэмэгумкIэ уи блэгущIэм дей къыщиубыдынущ, ахуэду хъумэ шым къехуэхыну Iэмал иIэкъым.

Ахуэдурэ шым зэрытесу пшынауэр пшынэм еуэу, дэри шыхэр къызэдэдгъажэрэ къэзэдэдгъэджэгуу, пшынэ макъымрэ Iэгу макъымрэ зедгъэIэту, апхуэду къуажэм дыкъыдыхьэжащ. Ахуэдизу ехьэхьей жедгъэIэти, нысашэ гуп яфIэщIри хъури бзыри къуажэм иныкъуэр къызэхуэсат. «Уэрей, мыр мынысашэ гуп» жари, тIэкIуи абдежым джэгу щытщIри, дызэбгырыкIыжащ.

Быхъунэ Хьэмыдрэ Сей Наджийрэ Къафтэнкей кIуэхэт, ахэри ирамыгъэжьэжу ирагъэблэгъащ. Джэгу хъумэ къуажэм дэтхэнэ щIалэр дэтхэнэ унагъуэм кIуэми, я анэ-адэм «дэнэ укIуэрэ» жамыIэуэ хъыджэбзхэр къыхашыфт, пщыхьэщхьэм хъыджэбзхэр къыхашщ, хьэщIэхэми жэш джэгу екIу хуащIри, ирагъэжьэжащ.
(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
👍42
«ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ ЗЭКЪУЭШИТIЫМРЭ
ХЬЭЖХЪАН ДАХЭМРЭ»

Я анэм къыжиIэ усэхэр, таурыхъухэр, IуэрыIуатэхэр щызэхахым и бынхэм ягъэщIагъуэ: «Ди анэ, уэ мыхэр дэнэ щыпщIэрэ, хэт къыбжезыIар, дэ иджырэкъэс жыпIэуэ зэи зэхэтхакъыми, – жари ар жаIас.

И цIэр къыхэмыщмэ нэхъ къэзыщтэ, Тыркум Узуняйлэ Мэчэней къуажэм щыщ мы адыгэ цIыхубзым илъэс 50 хуэдиз ипэ, щыцIыкIум и адэшхуэм дей щызэхихахэр иджыщ ипэ дыдэ къыщыжиIэжыр.

ХьэтIохъущокъуэ зэкъуэшитI хъууэ, Хьэжхъан жари зы шыпхъуи яIэуэ, къуэш нэхъыжьыр ежьэщ, зекIуэ кIуэну абими, и къуэш нэхъыщIэмрэ и шыпхъумрэ унэм къыщIинэщ, зекIуэ ежьэщ аби къуэш нэхъыжьыр…

Жэшым зэдэлъху-зэшыпхъур гъуэлъыжауэ щхьэгъубжэм къыIухьэри зы шу, щхьэгъубжэм къытеуIуэщ абими, щIалэр къэтэджщ, щIэкIри, къыIухьа шум:

– Уи шыпхъур къызэт, – жери ар жиIас…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5144

#Djrz_Гъуазэрытхэ
2👍1
2
Мэшых щIыхьэху, Мэкъуауэ щIыхьэху, Мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэхэр

5. Мэкъу-мэш Iухыжыныр, ищхьэмкIэ зэрыжытIащи, гугъуехьышхуэ пылъу зэрыщытым къыхэкIкIэ а лэжьыгъэм тегъэпсыхьауэ уэрэд гъэщIэгъуэнхэр жаIэрт, Iуэхур щIигъэпсынщIэу. Апхуэдэ уэрэдхэм гукъыдэж къуатырт, уи лъэр щIагъэкIырт, пэжым ухуеймэ, гушыIэ дахэкIэ гъэнщIати, уедэIуэн къудейри гурыхьт. Къыхыдодзэр мэкъуауэ уэрэдитIи, фыкъежьу…

Мэкъоо орэд.
(Бжьэдыгъу)

Мэкъу тезыгъаорэр нэлъэныкъонэшъугущ!
Жъыу. Уой, ей, ей, уой, ей, ей!
Ерэда, уо уоро, уо, шъадэ!

(риращ) Iоба, (уо,) мэкъоо мафэра!
Жъыу. Ей, ей, ей, ей, уо!
Уориращэ гущэба, (уо,) мэкъоо мафа!

#Djrz_Iэнэ
2
Хьэщӏэщ зэхэс

ЗэрымыщIэкIэ къэхъур нэхъ ӏэфӏщ, гуапэщ. "Djarez"-м къытхуеблэгъа кӏахэ хьэщӏэхэр къытхэту зы нэгузыужь цӏыкӏу къытӏэщӏэщӏащи, фи еплъ фӏы ухъу.

Хьэщӏэхэр: Нэгъуейхэ Заур, Тэшухэ Аслъэнрэ Белэрэ

Хэгъэрейхэр: Къэзанхэ Данэ, Думэныщхэ ӏэулэдин, Шыбзыхъуэхэ ӏэстемыр, ХьэхъупащIэхэ ӏэстемыр, Хьэщэхэ Мухьэмэд, Бакъхэ Инал

https://youtu.be/3I_nBrfRBM4

#Djarez_TV
👍61
«Хэта узышъхьасыщтыр?» («Хъуаджэ икъэбархэр»)

Хъуаджэ игъусэ бащэ ышхи, сымаджэ хъугъэ.

— Сыд пай бащэ пшхыгъэ, ушъхьасы хъущтыгъэба? – еупчIыгъ ащ Хъуаджэ.

— Симыем сыдым пае сышъхьасыщт? – ыIуагъ гъусэм.

— Гъомылэр уиягъэп шъхьаем, орыба ныбэр зиер? Узышъхьамысырэр къыпшъхьасыжьына, синыбджэгъу? – ыIуагъ Хъуаджэ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
5