Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Нарт Лъэпшъы чэтэщыхьаджымджэ Емынэ-жакIэ зэриукIыгъэр»

Нарт Лъэпшъ ыкъо Емынэ-жакIэ ыукIыгъагъ.. Арэущтэу илъэуасэ Емынэ-жакIэ тефэгъагъ.

Лъэпшъ жъы хъужьыгъэу, зекIо Iофхэр IэкIыбы фэхъугъэхэу щытыгъ. Арыти, чэтэщахь къызыпхырыоу ышIи, бзэ пытэ кIэтэу пхъуатэ горэм дилъхьагъ. ЕтIанэ анахь лIы дэгъуIо горэ ежь ицахь телъэу къаригъащи Емынэ-жакIэ ыдэй кIонэу, пхъуатэри фихьынэу пшъэрылъ фишIыгъ.

— Ау, — риIуагъ, — мы сиIэпэщысэу фэозгъэхьырэр ежь изэкъопцIыраунэу, унэ шIункI горэм щеплъын фае.

Емынэ-жакIэ дэй пхъуатэр зынагъэсым, Лъэпшъ Iэпэщысэ зэрэфигъэхьыгъэр хэти римыIоу, пчыхьэ нэс ежи унэ горэм изэкъопцIыраунэу зыкъыришIахьыгъ. Пхъуатэр зызэтырехым, чэтэщахьэр — о зэкIэлъэу щытыти, къызыпхырыуи Емынэ-жакIэ къыукIыжьыгъ.

Джары сэ къаIоу зэхэсхыжьыгъэр.

#Djrz_IуэрыIуатэ
3
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ!

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
3👍2
«ГУЩХЬЭТЕПХЪУЭ ЕХЬЭЖЬЭ»

Узуняйлэм адыгэхэм гъэмахуэ нысашэ яIакъым, нысашэхэр гъэмахуэ Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, бжыхьэкIэм къыщIедзэри, гъатхэм IуэхущIэгъуэ хъухукIэ, йокIуэкI.

Зыгъэ ди гъунэгъу гуэрэм я благъэм къишэти, гъунэгъу щIалэ гъусэуэ Къардэн Зехьнирэ сэрэ Шэрэфие дадэкIуэт. Адыгэхэм я благъэхэм къыщашэкIэ, нышыншэуэ мыкIуэуэ мэлыбгъэ хуашэ хабзэкъэ – дэри зы мэлыбгъэм и лъакъуэхэр дыпхэщ, гупхэм иддзэри, дэ дышууэ, хъыджэбзхэри шыгум ису, деуэри Шэрэфие дыкIуащ.

Шэшэн Жамботейрат нысэр къыздитшынур, ди нысашэ тхьэмадэр Бэвыкъуэ Яхьят, и къуэдзэри Азраил жари зылI гуэрэт, нысашэ гупыр шу тIощIитIрэ шыгуитIрэ дыхъууэ етIанэрей махуэм пщэдджыжьым къуажэм дыдэкIащ.

Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIыу Шэшэн Жамботей дынэсщ, драгъэблагъэри, цIыхухъухэр бысым къытхуэхъуну унагъуэхэм дызэбграшащ…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5112

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍2
4
«Нарт Лэпшъы илIакI»

Зэгорэм нарт Лъэпшъы дэжь лIы бэлахьитIу къэкIуагъ.

— Лъэпшъ! — аIуагъ!

— Сыд шъузыфаер?

— Чэтэ зырыз тфэшI, — аIуагъ.

— Тащ фэдэхэу ара шъузыфаер? — ыIуи къяупчIыгъ.

Нахьыжъым:

— ЗэкIэ сызаорэр мыжъуи гъучIи пиупкIынэу сфэпшIыгъэемэ дэгьугъэ, — ыIуагъ.

НахьыкIэм:

— ЗэкIэ сызэпыджырэр мыжъуи гъучIи пхырикулъэу сфэпшIыгъэемэ дэгъугъэ, — ыIуагъ.

ТIуми зыфаIуагъэм фэдэ чэтэ зырыз къафишIи, къарити къытIупщыжьыгъ.

Мартэ къызэпырыкIыжьыхэ зэхъум, сапIэр фэиныIуагъэу къычIэкIын, зэкIэ зэпызыупкIырэ чатэп къизи псым хэфагъ. Арыти, игъусэ ичэтапэ пхырикулъи зэкIэ зэпызыутырэ чатэр къыштэжьыгь. Ичатэ пхырыкулъыгъэу зелъэгъум: «СигъэпцIагъ, чатэ хъун мый сфишIыгъэп! СыукIын нахь, псаоу щызгъэIэнэп!» — ыIуи Лъэпшъ дэжь IуфэфыкIэу къэсыжьи, мо лIы губжыгъэр унэм зэрипкIагъэм тетэу, гъукIэр джэныкъо машIом пэсыти, укIфаоу еуагъ. Зеом, ышъхьэ чатэм фэхымэу хъуи, ышъхьэ къэнагъ, ау ылъэгонджитIу пыригъэхыгъ.

Лъэпшъы гумэкIышхо иIэ зэхъум, лIыр ышIагъэмджэ кIэгъожьыгъ, ау кIэхьажьыгъэп. ЦIыфхэр къэзэрэугъоигъэх, ау сыд ашIэжьыни! ЛIыжъхэр къеIыстэкIыхи, иуз щагъэгъупшэным пае, орэдхэри, гъыбзэжъхэри къыфаIуагъэх, къамл-апщэхэри, сырынапщэхэри къащэхи джэгуи ыпашъхьэ щашIыгъ, щыджэгугъэх, щысэмэркъэугъэх.

Ау а пстэумэ яшIуагъэ къэкIожьынэу щытыгъэп, — Лъэпшъ лIагъэ.

А лъэхъаным щегъэжьагъэу адыгэмэ кIэпщэшIыныр къахэхьагъэу aIo, «Лъэпшъ ехьылIэгъэ кIэпщэ орэдыри» ахэлъ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
2
«ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ ЗЭКЪУЭШИТIЫМРЭ
ХЬЭЖХЪАН ДАХЭМРЭ»

Я анэм къыжиIэ усэхэр, таурыхъухэр, IуэрыIуатэхэр щызэхахым и бынхэм ягъэщIагъуэ: «Ди анэ, уэ мыхэр дэнэ щыпщIэрэ, хэт къыбжезыIар, дэ иджырэкъэс жыпIэуэ зэи зэхэтхакъыми, – жари ар жаIас.

И цIэр къыхэмыщмэ нэхъ къэзыщтэ, Тыркум Узуняйлэ Мэчэней къуажэм щыщ мы адыгэ цIыхубзым илъэс 50 хуэдиз ипэ, щыцIыкIум и адэшхуэм дей щызэхихахэр иджыщ ипэ дыдэ къыщыжиIэжыр.

ХьэтIохъущокъуэ зэкъуэшитI хъууэ, Хьэжхъан жари зы шыпхъуи яIэуэ, къуэш нэхъыжьыр ежьэщ, зекIуэ кIуэну абими, и къуэш нэхъыщIэмрэ и шыпхъумрэ унэм къыщIинэщ, зекIуэ ежьэщ аби къуэш нэхъыжьыр…

Жэшым зэдэлъху-зэшыпхъур гъуэлъыжауэ щхьэгъубжэм къыIухьэри зы шу, щхьэгъубжэм къытеуIуэщ абими, щIалэр къэтэджщ, щIэкIри, къыIухьа шум:

– Уи шыпхъур къызэт, – жери ар жиIас…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5121

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍2
Мэшых щIыхьэху, Мэкъуауэ щIыхьэху, Мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэхэр

1. ИпэкIэ хабзэт мэшышхуэ, мэкъупIэшхуэ зиIэу цIыхухъуIэ зыхуримыкъу унагъуэхэм мэшых щIыхьэху, мэкъуауэ щIыхьэху, мэкъухэхуэшэ щIыхьэху зэхашэрэ я мэкъу-мэшыр ахуэдэу къырахьэлIэжу. МащIэу дытетхыхьынщ мэкъу-мэш IухыжыкIэмрэ зехьэкIэмрэ:

Мэш, хьэцэпэцэ (хьэпцIий, хьэ, гуэдз, зэнтхъ, ху) къахыжар IэплIакIуэ зэрызурэ яхузырт, мэш IуэнтIа бганэкIэ къырапхэкIыжырти, “пхыр” хъурт. Мэш пхырхэр гъэсэгуу къашэжырт, щаIуэжыну хьэмым и гъунэгъу нэщIэщхэм (гъущалъэ) щэджуу щызэтралъхьэжырти, хущIыхьэгъуэкIэ яIуэжырэ якIытэжа иужь гуэнхэм иракIутэжырт. “Гъавэ” жыхуаIэжри аращ.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
5
1
Мэшых щIыхьэху, Мэкъуауэ щIыхьэху, Мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэхэр

2. Ижьырей лъандэрэ мэкъу пыупщIынымрэ абы и зехьэкIэмрэ адыгэр куэду хуэIэкIуэлъакIуэу къекIуэкIащ. Къанж и къуэ Щауей, Нэрыбгейм и къуэ закъуэм и хьэщIэм и лъэIукIэ мэкъу пыпхъуищ хупиупщIу къыхощыж ди нарт хъищэм.

Мэкъуауэныр лэжьыгъэшхуэт, лэжьыгъэ гугъут, абы папщIэ мэкъуауэхэр я IэмэпсымэкIэ, гъуэмылэкIэ къызэгъэпэщауэ, мэкъуауэным пэрыхьэрт. Мэкъуауэ щыхъукIэ гупым я нэхъ лIы Iэчлъэч IэкIуэлъакIуитI аргъынэ пашэрэ аргъынэ кIашэу увырти, ахэм я кум нэхъ щIалэIуэхэр дэувэжырт, мэкъур зэдэхъурэ зэдекIуу паупщIын папщIэ.

АтIэ а щIыкIэм тету мэкъупIэ гъунэм нэсыху аргъынэ зэрызыр яхурти, иужькIэ къыздырикIуамкIэ зыкъагъэзэжырт адэкIи пащэным хуэщIауэ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ аргъынэ пашэм и аргъынэм «пэублэ аргъынэкIэ» зэреджэр, а аргъынэ дыдэм щхьэкIи аргъынэ къуэдзэ, аргъынэ зэщIэдзэ, аргъынэ зэтедзэ, аргъынэ зэгуэуэ, аргъынэ кIэрахъуэ* зэрыжаIэр. Сыту жыпIэмэ, аргъынэ пашэм къырикIуэурэ пиупщIар удз пымыупщIам тохуэри, и лъабжьэм къыщIонэ, ари щIэупщIыкIыжын хуей мэхъури, аргъынэ пашэр удз къэнар щIихыкIыжурэ, аргъынэр зэтридзэурэ захуэ дыдэу, аркуийуэ**(linea) къырокIуэж.

*Аргъынэ кIэрахъуэ (аргъынэ шыхь) – мэкъупIэр хуэхъурейуэ, мыиныщэу щытмэ, ерэ мэзыку-мэз хуеймэ, икум щегъэжьауэ хъурейуэ кIуэрэ, зызыубгъу мэкъу еуэкIэ.

** Аркуий (linea) – укъуэдия, занщIэ, занщIэу пхырыкI, кIуэцIырыкI, пхырыша, захуэ, захуэу итхъа жыхуиIэщ.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
5👍2
Мэшых щIыхьэху, Мэкъуауэ щIыхьэху, Мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэхэр

3. Мэкъуауэныр яуха иужь зы тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу мэкъуIэнащтэ жаIэрти, аргъынэхэр зэрагъэдзэкIырт, мэкъур дыгъэрыс мыхъуу дыгъэл хъун папщIэ. А мэкъу гъуами пыухыкIауэ зэтелъхьэкIэ иIэжт: зы Iэмбатэр зы гуахъуэ къэщтэгъуэу, Iэмбатэ плIыщIыр зы мэкъу хьэвэу, мэкъу хьэвищыр зы мэкъу Iэтэу, мэкъу Iэтищыр зы пыпхъуэу…

Мэкъу – мэшыр къырахьэлIэжу зыхуей хуагъэза иужь щIыхьэхуакIуэхэм Iэнэ хуаухуэрти, ягъэтхъэжырт, ягъэлъапIэрт. Аращ мэшых щIыхьэху Iэнэ, мэкъуауэ щIыхьэху Iэнэ, мэкъухэхуэшэ щIыхьэху Iэнэ жыхуаIэр.

Щыгъуэзапхъэщ щIыхьэху хабзэр зэмылIэужьыгъуэу зэрыщытам: уеджауэ зэхэпшэ щIыхьэху, лэжьыгъэшхуэ къепхьэжьарэ узэрыпэмылъэщыжым гу лъатэрэ пхузэхыхьэ щIыхьэху, нэгъуэщIхэри. Абы и зы щапхъэфIщ иужькIэ къэкIуэну тхыгъэр…

#Djrz_Iэнэ
4