Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Щхьагъэ: Iыхьлы
КIахэ: Iахьыл

Щыпкъэр: «Iыхьлы»-ри «Iахьылри» - зы псалъэщ. И лъапсэкIэ къапщтэмэ, адыгэбзэкъым, хьэрыпыбзэщ. Нэхъ ипэIуэкIэ «Iыхьлым/Iахьэлым» я пIэ «зэш», «шы» жыхуэтIэхэр къимытауэ пIэрэ?

Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👍1
«СЭ КЪЫСЩЫЩIАР, СЭ КЪЫСЩЫЩIАР!..»

Пщым и щхьэгъубжэм зыгуэр къыIухьэщ, къаджэри, жи, «уэ улIмэ, моуэ мо къояхъым накIуи, абдеж щызэхэдгъэкIынщ ди лIыгъэр» жиIащ, жи.

Апхуэдурэ зэ джащ, тIэу джащ, жи, итIанэ пщым фочыр къищтэщ, шым зридзщ аби, моуэ Жамботей кумбым хуэдэ зыгуэрэти, нэсри , щIакIуэм кIуэцIылъу зылI щылът, жи.
ФочымкIэ щIакIуэм кIуэцIыуэщ, еуэщ, иукIри, еплъмэ – зы къуэ закъуэ иIэти, и къуэрат, жи, иукIар!

И къуэр иукIри, «сэ къысщыщIар, сэ къысщыщIар!» жиIэ фIэкIа абаткIэ зыри жиIэжтэкъым, жи. НэгъуэщI зыри яхужиIэжтэкъым, жи, «сэ къысщыщIар, сэ къысщыщIар!..»

Пщыми «зиусхьэн!» жаIэу, тезэрыхьыфу, псалъэ жраIэфу, бгъэдэсу, бгъэдэту апхуэдэтэкъым нтIэ.

Зы фызыжь цIыкIу щыIэти, «пщым дей сыфши, “сэ къысщыщIар лIо” жимыIэжу сэ ар щызгъэгъупщэжынщ» жиIащ, жи.

Яшэри…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щыӏэ ди «Djarez Club» напэкӏуэцӏым щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/djarez.club

#Djrz_Гъуазэрытхэ
1
Фызабэ хьэлыуэ Iэнэ

…ДауикI, апхуэдиз гулъытэ зыхуащI фызабэхэм адыгагъэ яхэлъти, хабзэр убзэ яфIэмыщIу къадэIэпыкъуа, зыкъыщIэзыгъэкъуа цIыхухэр сыт щыгъуи ягъэлъапIэрт, пщIэшхуи кIэлъызэрахьэрт. А зэхущытыкIэфIми къыхокIыжыр фызабэ хьэлыуэ Iэнэ хабзэр.

Фызабэм къыдэIэпыкъуа цIыхухъур дунейм ехыжа иужь и хьэдэIусым ирихьэлIэу хьэлыуэ Iэнэ хуиубэрти гуауэр зызейм яхуэкIуэрт. ХабзэкIи ар пщIэшхуэу къалъытэрт. Аращ фызабэ хьэлыуэ Iэнэ жыхуаIэжыр.

P. S.
ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, фызабэм дэIэпыкъуа щIалэцIыкIухэми я къэшэгъуэ хъууэ нысашэ джэгур щекIуэкI махуэм хьэлыуэ Iэнэ хуаубырти, абыкIэ ехъуэхъурт.

#Djrz_Iэнэ
6
Щхьагъэ: анэш
КIахэ: анэш

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍51
«Нарт Лъэпшъы чэтэщыхьаджымджэ Емынэ-жакIэ зэриукIыгъэр»

Нарт Лъэпшъ ыкъо Емынэ-жакIэ ыукIыгъагъ.. Арэущтэу илъэуасэ Емынэ-жакIэ тефэгъагъ.

Лъэпшъ жъы хъужьыгъэу, зекIо Iофхэр IэкIыбы фэхъугъэхэу щытыгъ. Арыти, чэтэщахь къызыпхырыоу ышIи, бзэ пытэ кIэтэу пхъуатэ горэм дилъхьагъ. ЕтIанэ анахь лIы дэгъуIо горэ ежь ицахь телъэу къаригъащи Емынэ-жакIэ ыдэй кIонэу, пхъуатэри фихьынэу пшъэрылъ фишIыгъ.

— Ау, — риIуагъ, — мы сиIэпэщысэу фэозгъэхьырэр ежь изэкъопцIыраунэу, унэ шIункI горэм щеплъын фае.

Емынэ-жакIэ дэй пхъуатэр зынагъэсым, Лъэпшъ Iэпэщысэ зэрэфигъэхьыгъэр хэти римыIоу, пчыхьэ нэс ежи унэ горэм изэкъопцIыраунэу зыкъыришIахьыгъ. Пхъуатэр зызэтырехым, чэтэщахьэр — о зэкIэлъэу щытыти, къызыпхырыуи Емынэ-жакIэ къыукIыжьыгъ.

Джары сэ къаIоу зэхэсхыжьыгъэр.

#Djrz_IуэрыIуатэ
3
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ!

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
3👍2
«ГУЩХЬЭТЕПХЪУЭ ЕХЬЭЖЬЭ»

Узуняйлэм адыгэхэм гъэмахуэ нысашэ яIакъым, нысашэхэр гъэмахуэ Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, бжыхьэкIэм къыщIедзэри, гъатхэм IуэхущIэгъуэ хъухукIэ, йокIуэкI.

Зыгъэ ди гъунэгъу гуэрэм я благъэм къишэти, гъунэгъу щIалэ гъусэуэ Къардэн Зехьнирэ сэрэ Шэрэфие дадэкIуэт. Адыгэхэм я благъэхэм къыщашэкIэ, нышыншэуэ мыкIуэуэ мэлыбгъэ хуашэ хабзэкъэ – дэри зы мэлыбгъэм и лъакъуэхэр дыпхэщ, гупхэм иддзэри, дэ дышууэ, хъыджэбзхэри шыгум ису, деуэри Шэрэфие дыкIуащ.

Шэшэн Жамботейрат нысэр къыздитшынур, ди нысашэ тхьэмадэр Бэвыкъуэ Яхьят, и къуэдзэри Азраил жари зылI гуэрэт, нысашэ гупыр шу тIощIитIрэ шыгуитIрэ дыхъууэ етIанэрей махуэм пщэдджыжьым къуажэм дыдэкIащ.

Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIыу Шэшэн Жамботей дынэсщ, драгъэблагъэри, цIыхухъухэр бысым къытхуэхъуну унагъуэхэм дызэбграшащ…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5112

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍2
4
«Нарт Лэпшъы илIакI»

Зэгорэм нарт Лъэпшъы дэжь лIы бэлахьитIу къэкIуагъ.

— Лъэпшъ! — аIуагъ!

— Сыд шъузыфаер?

— Чэтэ зырыз тфэшI, — аIуагъ.

— Тащ фэдэхэу ара шъузыфаер? — ыIуи къяупчIыгъ.

Нахьыжъым:

— ЗэкIэ сызаорэр мыжъуи гъучIи пиупкIынэу сфэпшIыгъэемэ дэгьугъэ, — ыIуагъ.

НахьыкIэм:

— ЗэкIэ сызэпыджырэр мыжъуи гъучIи пхырикулъэу сфэпшIыгъэемэ дэгъугъэ, — ыIуагъ.

ТIуми зыфаIуагъэм фэдэ чэтэ зырыз къафишIи, къарити къытIупщыжьыгъ.

Мартэ къызэпырыкIыжьыхэ зэхъум, сапIэр фэиныIуагъэу къычIэкIын, зэкIэ зэпызыупкIырэ чатэп къизи псым хэфагъ. Арыти, игъусэ ичэтапэ пхырикулъи зэкIэ зэпызыутырэ чатэр къыштэжьыгь. Ичатэ пхырыкулъыгъэу зелъэгъум: «СигъэпцIагъ, чатэ хъун мый сфишIыгъэп! СыукIын нахь, псаоу щызгъэIэнэп!» — ыIуи Лъэпшъ дэжь IуфэфыкIэу къэсыжьи, мо лIы губжыгъэр унэм зэрипкIагъэм тетэу, гъукIэр джэныкъо машIом пэсыти, укIфаоу еуагъ. Зеом, ышъхьэ чатэм фэхымэу хъуи, ышъхьэ къэнагъ, ау ылъэгонджитIу пыригъэхыгъ.

Лъэпшъы гумэкIышхо иIэ зэхъум, лIыр ышIагъэмджэ кIэгъожьыгъ, ау кIэхьажьыгъэп. ЦIыфхэр къэзэрэугъоигъэх, ау сыд ашIэжьыни! ЛIыжъхэр къеIыстэкIыхи, иуз щагъэгъупшэным пае, орэдхэри, гъыбзэжъхэри къыфаIуагъэх, къамл-апщэхэри, сырынапщэхэри къащэхи джэгуи ыпашъхьэ щашIыгъ, щыджэгугъэх, щысэмэркъэугъэх.

Ау а пстэумэ яшIуагъэ къэкIожьынэу щытыгъэп, — Лъэпшъ лIагъэ.

А лъэхъаным щегъэжьагъэу адыгэмэ кIэпщэшIыныр къахэхьагъэу aIo, «Лъэпшъ ехьылIэгъэ кIэпщэ орэдыри» ахэлъ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
2