«БАЛЪКЪЭР ФУIЭД»
АргъынджыхъкIэ зэджэ щIыпIэр, 1960 гъэхэм адыгэхэр къуажэхэм дэкIыу Къайсэр къалэм Iэпхъуэуэ щыщIадзам щыгъуэ, Iувуэ зыдэтIысхьауэ щыта хьэблэращ, зым адрейр къишэурэ, гъунэгъу зэхуэхъухэурэ зы адыгэ къуажэ хуэду хъуат Аргъынджыхъыр.
ФIыуэ щIащ, дэри Аргъынджыхъ дыдэст абы щыгъуэ, зы махуэ гуэрэ хьэблэ щIалэхэр дызэдэщIыгъуу губгъуэм удзыпцIэм къыщыткIухьу зыгуэр къэджащ:
– Уэ щIалэ, джыгъарэ (тутын) уиIэуэ пIэрэ? – жери. Зызгъазэу сеплъмэ – и башри зыбгъэдилъхьэжауэ дыгъэм зригъэууэ щысу зы лIыжь гуэрэт къаджэр.
Зы джыгъарэ естри, щIигъэнащ.
– Упсэу, уэ щIалэ, зыкъэзгъэцIыхут, дэнэ ущыщ?
– Сыадыгэщ, Узуняйлэ Къэрхьэлакъ къуажэм сыщыщщ.
Къэрхьэлакъым и цIэр щызэхихым, моуэ зэ къызэфIэтIысхьащ лIыжьыр.
– Iэу, дау хъун, къэтIыс, къэтIыс, иджырэкъэc зымикI жезмыIэжауэ зы хъыбар къыбжесIэнущ…
Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щыӏэ ди «Djarez Club» напэкӏуэцӏым щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5048
#Djrz_Гъуазэрытхэ

❤3👍1
Фызабэ хьэлыуэ Iэнэ
…АдэкIэ пыпщэмэ, адыгэм и щхьэрэ и хэкурэ и хабзэрэ хуитыжу щыщыIэм фызабэу къэнахэр щхьэж и лIакъуэ-унэкъуэщ кIуэцIкIэ зыхуей хуагъэзэжырт, кIэлъыплъыжырт. Ди хэкур зэрапхъуэу, яукIар яукIыу, къинам и нэхъыбэр ирахуу, къэнэжа мащIэр щхьэлажьэу дыкъыщызэхэнами, фызабэм хуэщIапхъэрэ хуащIэфрэ къагъэнакъым. Пэжщ, цIыхухъухэр мащIэ дыдэ хъуат, лIакъуэ-унэкъуэщ закъуэкIэ зэфIэкIыжыртэкъым, арщхьэкIэ адыгагъэр лажьэрти, хьэблэрэ къуажэ-жылэкIэ зэхыхьэурэ фызабэхэр зыхуей хуагъазэрт.
(къыкIэлъыкIуэнущ)
#Djrz_Iэнэ

❤1
Фызабэ хьэлыуэ Iэнэ
…“НатIэм итхар щыратхъыж махуэщ” - жыхуаIар арти, арвэлуцэр къэсу, бэлшевичхэмрэ кIэмунистхэмрэ тепщэ щыхъум, лъэпкъым нэхъ лIыфIу хэтхэр зэтраукIащ, уней мылъкур зырапхъуащ. Адыгэр лъэпкъыщхьэу зэрыщыIэрэ къэмыхъуауэ “кIэлъхоз” жаIэщ аби, ди цIыхубзхэр губгъуэм ирахуэри ягъэпудащ. ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ зэщхьэщыхарэ зэпэщхьэхуэу, щхьэж хуэфащэрэ хузэфIэкIкIэ гуэшауэ зи гъащIэр зыхьа жылэр зыхагъэзэрыхьри, хъийм ирахуащ, псэукIэмыщIэрэ хабзэншэ жылэу къызыханащ. ИужьыIуэкIи етIуанэрей дунейпсо зауэр къыщыхъум, зи гуащIэ илъыгъуэу лъэпкъым къыхэнэжа цIыхухъухэр дашри нэхъыбэр хэкIуэдащ, къэзыгъэзэжахэми ныкъуэдыкъуэхэр мащIэтэкъым. АтIэ апхуэдиз repressio зауэ гуащIэмрэ уи цIыхухъум и нэхъыбэр щигъэкIуэдкIэ, щыхэкIуадэкIэ фызабагъэ зи щхьэ къырикIуахэр егъэлеяуэ куэд хъунтэкъэ…
Зауэ нэужьым бын пIыным, унагъуэ зехьэным къыщымынэу къэралыгъуэжь зэхэкъутар зэфIэгъэувэжыныр мыгъуэр зи мыгъуа цIыхубзым къащыхуэнэми, адыгэ цIыхухъу мащIэ къэнахэмрэ зи сэбиигъуэ щIалэ цIыкIухэмрэ зэдыщIыгъуу фызабэхэм зэрыхъукIэ зыщIагъакъуащ икIи дэIэпыкъуащ. ГъэщIэгъуэнкъэ, адыгагъэр иджыри пIэжьажьэт, хабзэ гуэрхэр игъэзащIэт. Ара хъунщ “лIэужьыгъуэр бжьиблкIэ мауэ” щIыжаIар...

Щхьагъэ: Iыхьлы
КIахэ: Iахьыл
Щыпкъэр: «Iыхьлы»-ри «Iахьылри» - зы псалъэщ. И лъапсэкIэ къапщтэмэ, адыгэбзэкъым, хьэрыпыбзэщ. Нэхъ ипэIуэкIэ «Iыхьлым/Iахьэлым» я пIэ «зэш», «шы» жыхуэтIэхэр къимытауэ пIэрэ?
Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤4👍1