Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Щхьагъэ: благъэ
КIахэ: благъэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Адыгэр дызыхуеблагъэрэ благъэ дызэхуэхъуу Тхьэм дыщигъыIэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👍2
«Орзэмэджы имыжъоупцIищ зэритыгъэ шIыкIэр»

– МыжъоупцIэ лъэпIищ тиIэшъ, – еIо Орзэмэджы, –
Шэн-сэнхэр мыщ фэдэу ахэлъ:
Сэ лъыгъэм зыр нахь чан,
Шхынэу узфаер адрэм къехьы,
Бзылъфыгъэ анахьышIур рыбгъотынэу ящэнэрэр щыт.
Нартмэ лIыгъэкIэ анахьышIум зыр еттын,
Нартымэ ныбэкIэ анахьышIум адрэр ий,
Нартымэ шъузыкIэ анахьышIум къэнагъэр ий.
Зы нэбгырэм щыри ыхьымэ апшъэ хъун.
Ар зымыхъурэм, тIур зыхьрэр ары.
Зы нэбгырэм тIу фэмыхьымэ,
ЛIыгъэрышIур апшъэ тшIын!
Нарт тхьаматэхэм зэдашти, мэфэ гъэнэфагъэкIэ зэкIэ нартхэр зэфагъэсыгъэх. Хъымыщыкъори къэкIуагъ…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5020

#Djrz_IуэрыIуатэ
3👍2
Щхьагъэ: унэкъуэщ
КIахэ: унэкъощ

Щыпкъэр: благъагъэ-Iыхьлыгъэр къагъэлъагъуу адыгэбзэ диэлектхэм хэт псалъэхэр зыщ. Псори ущыадыгэкIэ аращ тIэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
9
«Нартхэр уашъом зэрэдэкIыгъэ шIыкIэр»

Хъымыщыкъо Пэтэрэзы ятэ ылъэуасэкIэ нартхэр зырегъэзхэм ашIэн фаеу ариIуагъэхэр афэгъэцэкIагъэп, бгъэцэкIэн плъэкIынэу щытэпти.

ТIэкIу тешIагъэу, ежь нартхэр Пэтэрэзы еупчIыжьыгъэх:

– Орыгъэмэ сыдэущтэу уашъом удэкIыни? – аIуи. Арыти:

– Лъэой ешъудзи уашъом шъудэкI,
Шъузэтеуцуи уашъом шъунэс,
Ащ нэмыкI шъосымыIон! –
Афегъэпытэ Хъымыщыкъом.
Нартхэр зэплъыжьых,
Нартхэр зэупчIыжьых:
– Тыплъэмэ – тлъэгъоу,
ТыкIомэ – тынэмысэу,
Уашъом щэхъу сыд щыIах?! –
Сэтэнай-гуащэм ащ къареIо:
– Къушъхьэр уашъом кIао,
Уашъом инэзхэр тэлъэгъу,
Ошъуапщэр къэшхъмэ – чIым къынэсы,
Тызэтеуцомэ – тынэсын!
ЯзэрэгъаIо, зэрэгъэгушхох,
Нартышхохэр зэтеуцох.

Ау нэсынхэ алъэкIыгъэп. ЕтIани: цIыфи, иныжъи, испи, былыми, къолэбзыу тэмабгъуи, чъыги, мыжъуи ятIи – мы псы-о-чIым тет пстэури зэтрагъэуцуи, ащ акIыIу дэдэ Пэтэрэз трагъэуцожьыгъ.
ЗыдэIэбаем, уашъом нэсынкIэ зы чэтыукIэ щиз шыкIагъ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍32
🔥42
Фызабэ хьэлыуэ Iэнэ

Адыгэ хабзэм цIыхубзыр сыт щыгъуи игъэлъапIэу, пщIэ хуищIу, уеблэмэ игъафIэрэ едэхащIэу къэгъуэгурыкIуащ. ИгъащIэми цIыхубзыр лэжьыгъэ хьэлъэу губгъуэ щIэн, Iэщ гъэхъун хуэдэхэм, ерэ цIыхухъу IэнатIэхэм пэригъэхьакъым. Псом хуэмыдэжу цIыхубз дэхуэхам, фызабэм нэлейкIэ еплъырт, гулъытэшхуэ хуищIырт. Фызабэм дэIэпыкъуныр, зыщIэгъэкъуэныр, зыхуей хуэгъэзэныр адыгэ хабзэм и лъэдиижьхэм щыщ зыщ. ЩIапIэ къэхухьын, унэ щIын, ар зехьэжын, вэнсэн, гъавэшэж хуэдэ Iуэхушхуэхэр къыщыкъуэкIкIэ, фызабэм и Iуэху Iыхьэр щIыхьэху хабзэкIэ зэфIахырт.

ЩапхъэфIщ фызабэм зыщIэгъэкъуэныр, кIэлъыплъыжыныр, зехьэжыныр ди нарт хъищэм къызэрыхэщыр: Къанж и къуэ Щауейуэ Нэрыбгейм и къуэ закъуэр къэзылъхуар иныжьыпхъут. Нартхэм яхэмызэгъащэрэ хабзэкIэ ядэмыхъуу къекIуэкIа фызти, нэмыплъ къырахырт, пщIэшхуи къыхуащIыртэкъым. АрщхьэкIэ илIри щхьэщымытыжу и къуэ закъуэрикI зауэм хэкIуадэу зэпэхъурейуэ къыщынэм, нарт къуажэ фызыжьхэр зэхуэсщ, унафэ ящIри жаIащ: “Мы фызыр тхуэмыIурыщIами нартхэм тхуэлъхуащ, тхуэпIащ, къытхэсащ, жьыи хъуащ, иджы зэрыкъуажэу деплъыжынщ, зетхьэжынщ, пIыжыпхъэщ”- жари.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
4🔥2
«БАЛЪКЪЭР ФУIЭД»

АргъынджыхъкIэ зэджэ щIыпIэр, 1960 гъэхэм адыгэхэр къуажэхэм дэкIыу Къайсэр къалэм Iэпхъуэуэ щыщIадзам щыгъуэ, Iувуэ зыдэтIысхьауэ щыта хьэблэращ, зым адрейр къишэурэ, гъунэгъу зэхуэхъухэурэ зы адыгэ къуажэ хуэду хъуат Аргъынджыхъыр.

ФIыуэ щIащ, дэри Аргъынджыхъ дыдэст абы щыгъуэ, зы махуэ гуэрэ хьэблэ щIалэхэр дызэдэщIыгъуу губгъуэм удзыпцIэм къыщыткIухьу зыгуэр къэджащ:

– Уэ щIалэ, джыгъарэ (тутын) уиIэуэ пIэрэ? – жери. Зызгъазэу сеплъмэ – и башри зыбгъэдилъхьэжауэ дыгъэм зригъэууэ щысу зы лIыжь гуэрэт къаджэр.

Зы джыгъарэ естри, щIигъэнащ.

– Упсэу, уэ щIалэ, зыкъэзгъэцIыхут, дэнэ ущыщ?

– Сыадыгэщ, Узуняйлэ Къэрхьэлакъ къуажэм сыщыщщ.

Къэрхьэлакъым и цIэр щызэхихым, моуэ зэ къызэфIэтIысхьащ лIыжьыр.

– Iэу, дау хъун, къэтIыс, къэтIыс, иджырэкъэc зымикI жезмыIэжауэ зы хъыбар къыбжесIэнущ…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВКонтакте-м щыӏэ ди «Djarez Club» напэкӏуэцӏым щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5048

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍1
Фызабэ хьэлыуэ Iэнэ

…АдэкIэ пыпщэмэ, адыгэм и щхьэрэ и хэкурэ и хабзэрэ хуитыжу щыщыIэм фызабэу къэнахэр щхьэж и лIакъуэ-унэкъуэщ кIуэцIкIэ зыхуей хуагъэзэжырт, кIэлъыплъыжырт. Ди хэкур зэрапхъуэу, яукIар яукIыу, къинам и нэхъыбэр ирахуу, къэнэжа мащIэр щхьэлажьэу дыкъыщызэхэнами, фызабэм хуэщIапхъэрэ хуащIэфрэ къагъэнакъым. Пэжщ, цIыхухъухэр мащIэ дыдэ хъуат, лIакъуэ-унэкъуэщ закъуэкIэ зэфIэкIыжыртэкъым, арщхьэкIэ адыгагъэр лажьэрти, хьэблэрэ къуажэ-жылэкIэ зэхыхьэурэ фызабэхэр зыхуей хуагъазэрт.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
1