Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
🔥4👍32
ЩIакIуэгъапцIэ / упщIэгъапцIэ щIыхьэху Iэнэ

ЩIакIуэ щIыныр, упщIэ щIыныр, упщIэ щIам щIакIуапхъэ къыхэббзыкIыу бдыжыныр икъукIэ лэжьынейт. Абы къыхэкIыу Iуэху къызылъыкъуэкI унагъуэм щIыхьэху зэхишэрти, хьэблэм, къуажэм щыщ цIыхубзхэр зыдигъэIэпыкъурт. ЖыIэпхъэщ, щIакIуэр теплъэгъуэ зыбжанэу зэрыщытар: щIакIуэ щIа, щIакIуэ да, щIакIуэ кIыхь, щIакIуэ кIэщI; я плъыфэкIи: фIыцIэ, хужь, щхъуэ, гъуабжэ, н. къ..

ЩIакIуэ щIакIэ зэджэр упщIэм щIакIуэ теплъэ иIэу гъэпцIарэ хужамэщ. Апхуэдэ щIакIуэр и плIэIум къыщегъэжьауэ ехым зиубгъуурэ жьгъыру (cloche) теплъэ игъуэтыху яху-ягъапцIэ. Ари щIым быубгъурэ хъурей ищIу щIакIуэ кIэпитIыр зэлъэIэсыжмэ щIакIуэ нэсу къалъытэ. Мис апхуэдэ хъурейрщ “щIакIуэкIэ*” (cloche) жыхуаIэжыр .

ЩакIуэ дакIи зэджэр упщIэ гъэпцIам щIакIуапхъэ къыхэбзыкIарэ, щIакIуэдамэ къуапитIыр мастэ-IуданэкIэ зэгуэдэжамэщ. Мыпхуэдэ щIакIуэр быубгъумэ мазэныкъуэ кIапэу уIуоплъэ.

КъинэмыщIауэ, щIакIуэр кIыхьуи - лъапщэм нэсу, кIэщIуи - лъэгуажьэр щIихъумэу, ящIырт.

ЩIакIуэр цIыхухъуми цIыхубзми я щыгъыныгъуэ пэтми, цIыхубзхэм зэрахьэн яфIэфIыр щIакIуэ щIа хужь-кIэщIт.

ЩIакIуэгъапцIэ уэрэдым и зы едзыгъуэ:

…Щауэ къуапцIэ набдзэтхым
И щIакIуэр допхри!
Зи шыпхъу лIыфIхэми езытым
И щIакIуэр допх, допх!...

*ЩIакIуэкIэ - жьгъыру теплъэ зиIэ, и щхьэмкIэ къыщегъэжьауэ ехым-зиубгъуурэ зи кIапэр хъурей дыдэм хуэкIуэж щыгъын бзыкIэ-дыкIэщ.

#Djrz_Iэнэ
5👍3
Цеиху/ Цеипхъэху щIыхьэху Iэнэ

Пасэрей адыгэхэр цеищэкIэ/ цеищэ пкъокIэ щэкI хуным, абы щыгъын зэмылIэужьыгъуэ къыхэщIыкIыжыным куэду хуэIэрыхуэт, хуэIэзэт. ЖыпIэнурамэ, а щыгъыныгъуэхэр и щIыкIэрэ и фIагъкIэ апхуэдизу цIэрыIуэ хъуати ди гъунэгъу лъэпкъ куэдым, дэнэ къэна, тпэIэщIэ хамэ хэку зыбжанэми ящэхун, зэрахьэн яфIэфIт. АтIэ апхуэдизу зэIэпахыу лъапIэ хъуа адыгэ щэкIыщхьэр пхуныр, зэIупщэныр лэжьынейт икIи гугъути цIыхубз щIыхьэхушхуэ иращIэкIыу щытащ.

#Djrz_Iэнэ
👍82
Махуэ бжанэ ипэ КIахэм къикIауэ хьэщIэ гуп диIащ: Нэгъуейхэ Заур, ТIэшухэ Аслъэнрэ Белэрэ. Заур илъэс куэд щIауэ адыгэ уэрэдыжь утыкур егъэбжьыфIэ, къэзымыщIэ гъуэтыгъуейщ. Аслъэн къамылапщэ/къамылащIэщ, уэрэдыIуэщ, шыкIэпшынауэщ. АтIэ, апхуэдэ хьэщIэ къыпхуэкIуауэ дауэ умыгъэджэгунырэт?! Бгъэджэгумэ, дауэ видеуэ томыхынрэт?! Сытми, «мафIэ цIыкIур мафIэшхуэ мэхъу» жыхуаIэрати, ди хьэщIэщ зэхэсри зы нэгузыужь пщыхьэщхьэу къызэрыкIыжащ. Мазэ къакIуэ фыкъытхэплъэжынкъэ.

Ди хьэщIэхэращи, фи къакIуэ махуэ тхухъу. ФIырэ гуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэкIэлъигъакIуэ.

#Djarez_ХьэщIэщым
👍122
🔥93
Нэпкъыжьэтедзэ щIыхьэху Iэнэ

Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэфIу къыдекIуэкIащ уней мылъку (private property) зэгъэпэщыныр, хъумэныр, гъэбэгъуэныр. АтIэ а уней мылъкур зеир къыхигъэщрэ нэгъуэщIым химыгъэгъуащэу, химыгъэкIуадэу, къырипщIэжу, кърипцIыхужу нэщэнэ гуэрхэр щыIэн хуей хъурт. Арагъэнущ ди лъэпкъ (лIакъуэ) кIыпхъэжьхэм, дамыгъэжьхэм я къежьапIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари. ЖыIэпхъэщ, хьэпшып, хьэкъущыкъу, Iэщэфащэ, Iэмэпсымэ ирехъу, унагъуэ Iэщ гъэхъун, шы зехуэнуи щырети, мыхэм псоми кIыпхъэ-дамыгъэ тырагъауэрт, тырадзэрт хамэ гуэрым и уней мылъкум хэмызэрыхьын, хэмыгъуэщэн, папщIэ. Абы къыщымынэу, кIыпхъэ тращIыхь хабзэрт ди лъэпкъым зэрахьэу щыта дауэдапщэ ныпхэм, пщы-уэркъышхуэ ныпхэм, уеблэмэ, дунейм ехыжам и къащхьэдэсэ нэгъунэ. Ар уней мылъкумрэ кIыпхъэ-дамыгъэ хабзэмрэ теухуащ.

Иджы нэпкъыжьэтедзэ щIыхьэхум дгъэзэжынщ. Пасэрей адыгэ унагъуэхэм мэлыр куэду, уэру зэрызэрахуэм къыхэкIкIэ нэпкъыжьэтедзэ щIыхьэху зэхашэн хуей хъурт, нэпкъыжьэ* зытырадзэу щытари гъэм къалъхуа мазитI-мазищ хъу щынэхэрат.

Нэпкъыжьэ - Iэщышхуэмрэ, мэл-бжэнхэмрэ кIыпхъэ-дамыгъэ зытырадзэу щытар нэкIу-нэпкъырт.

#Djrz_Iэнэ
👍43🔥3
КIыпхъэтедзэ/ Дамыгъэтедзэ щIыхьэху Iэнэ

КIыпхъэтедзэ щIыхьэхур зыщIу, зэхэзышэу щытар шы хъушэшхуэ зиIэ унагъуэхэрат. Гъатхэм хуэзэу гъэ къэсыху зы илъэс ирикъуа шы нэбгъэфхэм я кIэхэр паупщIт, шы соку-нэтIэцыр кIэщIу тырагъащхьэрти, и куафэ ижьым кIыпхъэр тырадзэжырт. Шыр адыгэм зыхилъхьэ щымыIэу зэригъэлъапIэм къыхэкIыу кIыпхъэ щытырадзэ махуэм уетышхуэ иращIэкIырт: шыгъэджэгу, шуджэгу, шыгъажэ хуэдэхэмкIэ зэпеуэрт, зэхьэзэхуэрти, ефэ-ешхэ хъуэхъукIэ яухыжырт.

#Djrz_Iэнэ
6